Андзышбаринэ
Appearance
Андзышбаринэ | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Verbascum chaixii Villars | ||||||||||||||
|
Андзышбаринэ (лат-бз. Verbascum chaixii) — илъэс зы бжанэкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ, андзыш лъэпкъэгъум щыщ къэкӀыгъэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ипкъ занщӀэу дэкӀейм и лъэгагъыр см 80-м нос. ИщӀагъ щӀэт тхьэмпэхэр нэхъ инщ, ищхьэм нэхърэ, тхьэмпэ щӀагъхэм цы щабэ ятетщ. Удзым лъабжьэжь ещӀ, щӀым куууэ йокӀых. Бадзэуэгъуэм-мэкъуауэгъуэм адзышбаринэм и щхьэмкӀэ, гъашэм ещхьу, зэхэту гъэгъа гъуэжь цӀыкӀу куэд къыпедзэ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]МэкъупӀэхэм, хъупӀэхэм, мэз лъапэхэм къыщокӀ. Ӏэщым яшхкъым.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.