Банэжыг
Банэжыг | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Gleditsia triacanthos Linnaeus | ||||||||||||||
|
Банэжыг (лат-бз. Gleditsia triacanthos) — банэжыг лъэпкъэгъум щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зи лъэгагъыр м 25-30-м нэс, жьауэ мащӀэ зыщӀ жыгщ. И пхъафэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, жыгыпкъым, къудамэхэм см 10-15-м нэс я кӀыхьагъу банэ куэд ятетщ, тхьэмпэ цӀыкӀу 16-28-у зэхэт, къабзийм ещхь жыг тхьэмпэхэм я кӀыхьагъыр см 15-20-м нос. МащӀэу гъуэжьыфэ къызыщӀэлъадэ гъэгъахэр накъыгъэм-бадзэуэгъуэм, тхьэмпэ къищӀа нэужь, къыпедзэ. Жылэхэр бжьыхьэм ирихьэлӀэу мэхъу, гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, пӀащӀэ-хъурей щӀыкӀэщ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И щӀыналъэр АШЗ-м и ипщэ-къуэкӀыпӀэ штатхэращ. Абым къырашауэ иджыпстукӀэ сыт хуэдэ къэралми ухуозэщ. Нэхъыбэу къыздагъэкӀыр Еуропэм, Азиэм и ипщэ, курыт лъэныкъуэхэращ, щӀыпӀэ нэхъ хуэбапӀэхэм.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И гъэгъахэм бжьэм фо къыхах. Банэ жыгкӀэ хадэ, губгъуэхэр, жыг хадэхэр къраухъуреихь. Ар зэщӀэкӀа нэужь, хадэхэр фӀыуэ Ӏэщым щехъумэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.